Псэм и пэ-напэ

Страницы: <<  <  4 | 5 | 6 | 7 | 8  >  >>

р сыт хуэдэ ц1ыху?
9 сл. Бзэм зегъэужьын ( егъэдж. захуэгъэзэн)
Едж. Слайд Хэхэс- нэгъуэщ1 щ1ып1э, хамэщ1 къик1ауэ псэу ц1ыху,
къыщалъхуам щымыпсэууэ хамэщ1 щыпсэу.
Факъырэ-зыри зыбгъэдэмылъ, къилъэ1ухуэмк1э псэу ц1ыху
Егъэджак1уэм: Хьэжбатыр сытк1эт зэрыфакъырэр? Дауэ ар абы зэрыхуэк1уар?
Едж. "Уи псэр гъэрып1эм итым уфакъырэ пэщмэнщ. Е пщ1ауэ ф1ым ущымыгугъ жыхуа1эрати,къысхуэгупсысыфу зытезубыдар мы си псэук1э хъуар аращ. Си псэр , си гур щыфакъырэк1э ,си фэри ирефакъырэ жыс1эри си пащ1э- жьак1эр зэщ1эзгъэк1ащ.
Егъэджак1уэм: Икъук1э хьэлъэу къыщ1эк1ащ напэм и тезырыр Мыващ1э
Хьэжбатыр и дежк1э. . Абы къыщ1эна тхыгъэри зыхуэгъэзар дэращ,. Езым къы1эщ1эщ1а щыуагъэм хуэдэ зыми имыщ1эн щхьэк1э , ц1ыху псоми ар дерс яхуэхъун папщ1э. Хьэжбатыр и образым пэджэж л1ыхъужь фрихьэл1ащ фэ мы гъэм урыс литературэмк1э. Ар М. Шолоховым и "Тэн хуэм" романым къыхэщыж Григорий Мелеховырщ, Къэдвгъэщ1эжыт ар сыт хуэдэ ц1ыхуми? Абык1э дэ нобэ дэ1эпыкъуэгъу къытхуэхъунущ урысыбзэмрэ литературэмрэ фыхуезыгъаджэ Балъкъэр Юлэ или Ю. Ард.
Юлэ 10 сл. Григорий Мелехов и образым увып1эшхуэ щеубыд романым. Абы и образым щхьэк1э гурыхьщ е гурымыхьщ жып1эну гугъущ. Ар ди пащхьэм къызэриувэр пэжым и лъыхъуак1уэущ. Куэд кърикъутэк1ащ Мелеховым ,лъы куэди игъэжащ,гъуэгуанэ хьэлъи зэпичащ . А гъуэгуанэм Григорий Мелеховыр к1ыф1ыгъэм хуишащ, абы ф1эк1уэдащ ф1эщхъуныгъэр, езыр хэтми, дунейм щ1ытетри къыгурымы1уэжу къэнащ. Ауэ апхуэдизу бэлыхь мыухыжым здыхэтми, абы щыгъупщэркъым и лъахэм, щалъхуа щ1ыналъэм хуи1э лъагъуныгъэр. Сэ сызэреплъымк1э, а зы закъуэращ , ауэ ар псом нэхърэ нэхъыщхьэщ, а ц1ыхум ф1агъыу хэлъыр.
Егъэджак1уэм: Упсэу Юлэ, Мыващ1э Хьэжбатыри Григорий Мелехови напэм и гъэрэщым ису я гъащ1эр яхьащ, аращ абыхэм я образхэр зэщхь

Страницы: <<  <  4 | 5 | 6 | 7 | 8  >  >>
Рейтинг
Оцени!
Поделись конспектом: