зыщ1ри. Нобэ зи гугъу тщ1а 1эмалыр мы т1ум я образым етхьэл1эмэ .
( тетрадь напит1ыр гъэлъэгъуэн: хужьымрэ ушк1умп1амрэ) зэдгъэщхьынур сыт хуэдэ напэра?
Едж. Тетрадь напэ ушк1умп1аращ. Я 1эк1э я гъащ1эр якъутэжащ
"Ик1ута из хъужыркъым" жыхуа1эращи, мы напэри зэрыщыта хъужынукъым. Мы т1уми яхузэф1эк1акъым Я гъащ1эр напэ къабзэк1э къыщ1адзэжыну. ( напэ хужьыр гъэлъэгъуэн)
Егъэджак1уэм: Арэзы сытохъуэ сэри уи псалъэхэм . Мы зи гугъу тщ1ы темэм куэдым урегъэгупсыс, уегъэп1ейтей. Напэм адыгэм дежк1э и1э мыхьэнэр, ар зи уасэр къызыхэщыж усэ сатырхэр е тхыгъэ нэхъ гукъинэж фщыхъуахэр къэфпщытэжамэ си гуапэт.
Едж. .
слайд
Напэ зимы1эм дзажэпкъ и1эщ,-жа1э.
Ауэ апхуэдэ дзажэпкъ сыхуэмей -
Си лъэпкъ и пащхьэ напэ т1эк1у щызи1эм
Сыкъабзэлъабзэу срехыж дунейм.
Едж. Слайд
Напэр зыхъумэфым уэрэдыр хуаус,
Нобэ пц1ы бупсым, къыщ1эщынщ пщэдей,
Губжьк1э бдзы уи 1упсыр
Къэнэжынщ уи дей.
Едж сл. Сэ гукъинэж сщыхъуар изложенэу ттха "Псом нэхърэ нэхъапэр"
жыхуи1эрщ . Зи къуэ нэхъыжьыр зауэм хэк1уэдауэ гуауэм зэщ1и1ул1а адэм къэнэжа и къуэ закъуэри маф1эм хыхьэнут ит1ани иужьрей псалъэу и къуэм жри1ащ: "Уи напэр хъумэ. Ар пхъумэмэ, уи щхьэри, адэжь щ1ыналъэри, лъэпкъри дыкъэпхъумащ. Хуэсакъ напэм. Аращ псом нэхърэ нэхъапэр. ,си щ1алэ. "
Едж: Напэр -лъап1эщ
Напэр сытми япэщ.
Едж: Напэр - адыгагъэщ, ц1ыхугъэщ, пэжыныгъэщ
Едж. : сл.
Ахъши, фIыгъуи, нэгъуэщI гуэри
Пумылъыт уэ напэм.
ЛIы хуэдэлIым псэри гури
Къуитыфынущ япэ!
Егъэджак1уэм: Иджы ди хьэщ1эхэм я лэжьыгъэр нагъэсауэ къыщ1эк1ынщи сыхуейт ущие псалъэк1э ди еджак1уэхэм зыкъыхуагъэзэну Напэ я1эу, лъэпкъым хуэфащэу къыдэк1уэтеин щхьэк1э
Страницы: << < 5 | 6 | 7 | 8 | 9 > >>