Псэм и пэ-напэ

Страницы: 1 | 2 | 3  >  >>


Къэбэрдей- Балъкъэр Республикэм Прохладнэ
муниципальнэ куейм хыхьэ Алътуд къуажэм дэт
муниципальнэ кIэзонэ щIэныгъэм и етIуанэ еджапIэ




Республикэм щекIуэкI
"Си бзэ, си псэ, си дуней"
зэпеуэм къриубыдэу екIуэкIа
мастер- класс





Зыгъэхьэзырар:
адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ
и егъэджакIуэ Нэгъуей Маринэт Iэуес и пхъурщ



2016-2017гъ. гъ.


1слайд Бзэр псалъэ къудейкъым, ар гупсысэк1эщ, дуней тетык1эщ
Нало Заур

Фи махуэ ф1ыуэ ,ди хьэщ1э лъап1эхэ !
Фи махуэ ф1ыуэ ,ныбжьыщ1э ц1ык1ухэ! Фыкъыдогъэблагъэ
" Псэм и пэ- напэ" зыф1этща нобэрей ди мастер- классым



Егъэджак1уэм : Псоми зэрыфщ1эщи, Iэмал куэд щыIэщ адыгэ литературэм щыхуебгъаджэк1э къэбгъэсэбэп хъуну,еджак1уэхэм ядж тхыгъэр нэхъ телъыджэ , гунэс , щ1эщыгъуэ ящыпщ1ын щхьэк1э . Абыхэм ящыщ зыщ нобэ зи гугъу сщ1ыну сызыхуейр -концептуализацэк1э зэджэ 1эмалыр Мы 1эмалым дэтхэнэ зы егъэджак1уэми езым и бгъэдыхьэк1э и еплъык1э хуи1эжщ. Мыр сэ есхьэл1эну сыхуейт 2сл нобэрей ди темэм. . Нобэ дэ ди мурадщ мы темэр гусысэ нэхъыщхьэ зыхуэхъуа тхыгъэхэр къэтпщытэжыну,3 сл
адыгэхэм псом нэхърэ ягъэнэхъапэр, ар щ1агъэнэхъапэр дгъэбелджылыну . Ди хьэщ1э лъап1эхэ ! Фи пащхьэм илъщ тетрадь напэ, ручкэ плъыжьрэ ручкэ щ1ыхурэ щ1ыгъуу Япэ упщ1эм и жэуапу къэфлъытэр плъыжьымк1э къыхэвгъэщ , ет1уанэ упщ1эм и жэуапу къыфщыхъур щ1ыхумк1э къыхэвгъэщ .
Си лэжьыгъэм и къыщ1эдзап1эу сыхуейт зыфхуэзгъэзэну мыпхуэдэ упщ1эмк1э : къабзэ- жыхуэт1э плъыфэц1эр нэхъыбэ дыдэрэ зыдэщ1ыгъуу къэдгъэсэбэпыр сыт хуэдэ щы1эц1эхэра?

4 сл. Едж
- Псэ къабзэ
-Псы къабзэ
-Пэж къабзэ
- Напэ къабзэ
- Уафэ къабзэ
- Жьы къабз

Страницы: 1 | 2 | 3  >  >>
Рейтинг
Оцени!
Поделись конспектом: