Псэм и пэ-напэ

Страницы: <<  <  2 | 3 | 4 | 5 | 6  >  >>

Нурыр къыщхьэщех,
Ц1ыхуу щы1эм ягъэлъап1эу,
Л1ым и хьэдэр дах.
Егъэджак1уэм: Ипэк1э жыт1ар къызэщ1эткъуэжмэ. ( тетрадь напит1ыр гъэлъэгъуэн: хужьымрэ ушк1умп1амрэ) мы балладэм къыхэщыж л1ыхъужьыр зыхуэдгъадэр. зи гугъу тщ1а тетрадь напэхэм ящыщу дэтхэнэра?
Едж. Напэ къабзэу напэ хужьырщ ар зыхуэдэр
Егъэджак1уэм: Пэж дыдэу къызжеф1ащ, ц1ык1ухэ. Гъащ1эм и сыт хуэдэ къэхъугъэми епхьэл1э хъуну къулейщ ди адыгэ лъэпкъыр псалъэжь 1ущхэмк1э къызжеф1эт мы тхыгъэм епхьэл1э хъуну псалъэжьхэр
Едж. Псэм ипэ - напэ
Псэр щэи напэ къэщэху.
Зи нэгур къабзэм игури къабзэщ.
Напэ зи1эм л1ыгъэ хэлъщ.
Егъэджак1уэм: Мы иджыпсту къэтпщытэжа тхыгъэм едгъэпщэну сыхуейт иджыблагъэ дызэджа Елгъэр Кашиф. и "Щыуагъэ" романыр . Къэдвгъэщ1эжыт , ц1ык1ухэ, Сыт мы тхыгъэр зытепсэлъыхьыр ? хэт и образ мыбы къыхэщыжыр?
Едж: Напэм и гъэрэщым ихуа цIыхум и дунейр къыщыгъэлъэгъуащ "Щыуагъэ" романым Щыуагъэм и гъэру псэу, и напэр и хеящIэу тезыр зытезылъхьэжа цIыхум (МыващIэ Хьэжбэтыр) и образырщ тхыгъэм увып1э нэхъыщхьэ щызыубыдри

Егъэджак1уэм: Сэри абык1э сыарэзыщ . Къыжыф1эт иджы сыт романым къыхэщыж л1ыхъужь нэхъыщхьэ МыващIэ Хьэжбэтыр напэм и гъэрэщым ису и гъащ1эр щ1ихьыр ?
Едж: Абы и щхьэусыгъуэр, сэ сызэреплъымк1э , Хьэжбатыр зауэ зэманым ищ1а щыуагъэр аращ. Ар сэ сыхуейт езым и псалъэхэмк1э къэс1уэтэжыну:
" Уи Хэкум зэгуэр уепц1ыжауэ щытмэ, ар къыпхуэгъуным ущыгугъынри, ул1а нэужь укъэхъужынк1э угугъэнри зыщ. Мы тхыгъэр уи Хэкум папщ1э узэблэжа псэр зэрымы1эф1ыжым , ар игъащ1э псок1э къызэрыпщ1эмык1уэнум и тхьэусыхафэщ .

Егъэджак1уэм: Пэжщ, а щыуагъэм и зэранк1э Хьэжбэтыр и гъащ1э псор зэтекъута мэхъу. Зы щыуагъэм адрейр къигъэщ1урэ мак1уэ л1ыхъужьым и гъащ1эр. Дауэ феплърэ, ц1ык1ухэ, х

Страницы: <<  <  2 | 3 | 4 | 5 | 6  >  >>
Рейтинг
Оцени!
Поделись конспектом: