Псэм и пэ-напэ

Страницы: <<  <  3 | 4 | 5 | 6 | 7  >  >>

эк1ып1э гуэр и1эу п1эрэт мы 1уэхугъуэм?
Едж: Сэ сызэрегупсысысмк1э, " Е ул1ын, е ул1эн" жыхуи1э псалъэжьым тету л1ыгъэ зыхилъхьэрэ пэжыр жи1амэ, и щыуагъэм пэк1уэ тезырыр ихьынти, адэк1э и гъащ1эм нэхъ тыншу пищэжынт.
Егъэджак1уэм: Нэгъуэщ1 сыт хуэдэ хэк1ып1э и1эу къыфщыхъурэ?
Едж: Адыгэхэм жа1э: " Л1эныгъэми л1ыгъэ хэлъщ" Ц1ыхум зэ л1эгъуэщ щ1элъри абы напэ хужьк1э хуэк1уэфын хуейщ. Л1ыгъэ зыхилъхьэу л1эныгъэр къыхихыфамэ нэхъыф1т абы ,и гъащ1э псор гъэру "маф1эм ису" ихьа нэхърэ.
Егъэджак1уэм: Ари напэ зи1эм хуэфащэ хэк1ып1эщ , фыпсэу, ц1ык1ухэ.
Зауэ зэманыр икъук1э зэман хьэлъэу, гугъуу щытащ. Зи хэкур псэемыблэжу зыхъумахэм нэмыщ1к1э Хэкум епц1ыжа ц1ыху зэкъуэт1акъуэхэри щы1ащ Сытк1э къащхьэщык1рэ абыхэм Хьэжбатыр ? Мыр образ гурымыхьхэра хьэмэрэ гурыхьхэра зыхэдгъыхьэ хъунур?

Едж: Мыр упщ1э тынш дыдэу къысщыхъуркъым сэ,Езым и псалъэхэр къыщызгъэсэбэпыну сыхуейт си жэуапым: " Си гур Хэкумк1э щы1эт, ауэ си щыуагъэ къомыр сигу къэк1ыжа нэужь , а псом щхьэк1э схьын хуей тезырым сигъэшынэрт, тэмэму жып1эмэ. тезырыртэкъым сызыщышынэр, напэрт. Сыт хуэдизу зызгъэзэхуэжыну яужь симытми, сщ1эрт "шыгъу зышхар псы ефэжын зэрыхуейр". Сэ къызэрысф1эщ1ымк1э Хьэжбатыр и напэр ф1эк1уэдакъым мыпхуэдэ гупсысэхэр и гум щилък1э абы къыхэк1к1э образ гурымыхьхэми схухэгъыхьэнукъым. Ц1ыху напэншэр апхуэдизрэ зэныкъуэкъужу псэунтэкъым. Уеблэмэ сэ мыр сф1эгуэныхьи хъуащ .

Егъэджак1уэм: Зы лъэныкъуэк1э уэри узахуэщ, и гъащ1эр и закъуэу ихьащ абы , и бынхэр, къэзылъхуахэр илъагъуу, пэгъунэгъуу, ауэ закъригъэщ1эн ук1ытэу. Закъуэныгъэр- тхьэмыщк1агъэщ Хэхэс, факъырэ- а псалъэ гуауэхэмк1эт Хьэжбатыр къуажэдэсхэр къызэреджэр. Дауэ къывгуры1уэрэ фэ мы псалъэхэр: сыт хуэдэ ц1ыхухэра хэхэск1э зэджэр? Факъырэ

Страницы: <<  <  3 | 4 | 5 | 6 | 7  >  >>
Рейтинг
Оцени!
Поделись конспектом: