сыт хуэдэ хьэл щэнхэр яхэлъын хуей, дэтхэнэхэм зыщадзеин хуей?
Хьэщ1эхэм я псалъэ
Егъэдж. Иджы, ц1ык1ухэ, Ди хьэщ1эхэм я ущие псалъэхэри къэдгъэсэбэпурэ къызэщ1эдвгъэкъуэж нобэрей ди лэжьыгъэр. Сыт нобэрей мастер- классым темэ нэхъыщхьэ хуэхъуар?
Синквейн
Едж. Нобэрей мастер- классым темэ нэхъыщхьэ хуэхъуар Напэрщ
Егъэдж. Напэр сыт хуэдэу зэрыщытын хуейр?
Едж напэр къабзэщ,хужьщ;
Егъэдж. Сыт ищ1эр?
Едж. къоупщ1ыр,уеущий, уегъэук1ытэ;
Егъэдж. Гъэщ1эм сыт хуэдэ къалэн щигъэзащ1эр?
Едж. хеящ1э нэхъыщхьэщ;
Егъэдж. нобэрей ди псалъэжьхэм я зыхэзк1э к1эух едвгъэтыт
Едж. Псэм ипэ- напэ.
Егъэдж. Фыпсэу ц1ык1ухэ хъэрзынэу фыкъыздэлэжьащ. Нобэ къытхуеблэгъа ди хьэщ1эхэри, фэри си гуапэу фызогъэда1уэ "Адыгэ напэ" уэрэдым
Егъэдж. Дывгъэхъумэ, дыхуэвгъэсакъ ди ц1ыху, ди адыгэ напэм. Лъэпкъ напэр тезымыхын, зи напэр темык1ын ц1ыху тхьэм псори дищ1 Нобэ къытхуеблэгъа ди хьэщ1эхэм ину берычэт бесын вжыдо1э
1. Напэ къабзэ уи1эн щхьэк1э сыт хуэдэ ц1ыхуу ущытын хуей?
2. Сыт хуэдэ хьэл-щэн мыхъумыщ1эхэр зыхэбнын хуей?
-Укъызыхэк1ар пщ1эжрэ уи лъэпкъым ухуэфащэу
-Нэхъыжьыр бгъэлъап1эрэ нэхъыщ1эм уеущиеу
-Пэжыр уи гъуазэу
-Ц1ыхугъэ , адыгагъэ пхэлъу
-Псэм ипэ- напэр ибгъэщу
-Хэкури ф1ыуэ плъагъухэри бгъэпэжыфу
-Ныбжьэгъугъэр плъытэфу
-Фыгъуэныр, уи гуащ1эк1э къыумылэжьа зэпхьэл1эныр
-Пц1ы упсыныр , л1ыгъэншагъэр
-Узыхущ1егъуэжын блэжьыныр
-Адэ- анэм я напэ техыныр
-Уи лъахэ умылъытэныр, уепц1ыжыныр
-Уи бзэ бгъэпудыныр, уи лъэпкъыр 1умпэм пщ1ыныр
Страницы: << < 6 | 7 | 8 | 9 > >>