хуэдэ тхыгъэм къыхэщыжрэ мыпхуэдэ ц1ыху, хэт итха ар ?
-Едж. Нало Заур и балладэ "Ц1ыху напэ" зыф1ишам къумым иту дызрихьэл1э л1ырауэ къысщохъу сэ ар.
Егъэджак1уэм: Пэж дыдэу къэпщ1эжащ Къызжеф1эт сыт балладэк1э зэджэр?
-Едж. - Балладэр усэу тхащ. Абы усак1уэм и зэхэщ1эныгъэм нэмыщ1и гъащ1эм къыщыхъу, л1ыгъэк1э гъэнщ1а 1уэхугъуэр къегъэлъагъуэ. Балладэм и щапхъэщ Абыт1э Хъызыр "Бгы абрагъуэмрэ джэдык1э ц1ык1умрэ"; Нало Заур "Ц1ыху напэ";
Егъэдж. К1эщ1у къэдвгъэ1уэтэжыт балладэр зытеухуар
-Едж. Мы балладэми къигъэлъагъуэр - напэм и лъап1агъырщ, абы уасэ зэримы1эращ. Мыбы къыхэщыж л1ыхъужь нэхъыщхьэм и напэр имытын щхьэк1э сыт хуэдэ бэлыхьри ишэчыну пэщ1оувэ. Л1ым и пэжагъымрэ и л1ыгъэмрэ къыщегъэлъагъуэ балладэм, уеблэмэ и псэр итмэ нэхъ къищтащ абы : 6 сл
-Сэ си напэр , си ук1ытэр
Уэстынкъым, сыл1ам!
С1ых ухуейм , мылъкуу си1эр.
Ухуейм сыгъэпщыл1.
С1ихыфыну сэ си напэр
Дунейм теткъым зыл1.
Ук1ытэншэу сыпсэу нэхърэ
нэхъыф1щ сымыпсэум
Егъэджак1уэм: Тэмэм дыдэу къэфщ1эжащ,
Иджыпсту къыджеф1а хьэл-щэн гъуэзэджэ, пэжагъ, ф1агъ псори зыхэлъу Нало Заур къилъытэ, напэм и лъап1агъыр, абы уасэ зэримы1эр зыдилъэгъуар хэту п1эрэ? Хэт мы балладэр зи фэеплъыр?
7 сл
Едж. Ар ди адыгэ литературэм и тхак1уэшхуэ Щоджэнц1ык1у Алийщ. Къыщалъхуа, щап1а Хэкум и телъхьэу, абы хуэпэжу, и напэр хужьу и гъащ1эр щ1итащ Хэкум и насыпым.
Егъэджак1уэм: Нало Заур и "Ц1ыху напэ" балладэр иджыри зэ щыхьэт тохъуэ ц1ыхугъэм, ц1ыху напэм нэхърэ нэхъ лъап1э зэрыщымы1эм, ар пщэ е къэпщэху зэрымыхъунум. Мыбы хэта
л1ыхъужьыр и напэр къабзэу дунейм ехыжащ . абы щыхьэт техъуэ усэ сатырхэр къэдвгъэщ1эжыт
Едж. 8 сл. Напэ хужьу щылъщ а хьэдэр
Страницы: << < 1 | 2 | 3 | 4 | 5 > >>