э
- Тетрадь напэ къабзэ
Егъэджак1уэм Нэгъуэщ1 щапхъэ куэди къыпхуэхьынуи къыщ1эк1ынущ иджыри . Нт1э, махуэ къэс нэхъ дызрихьэл1э зы псалъэ зэпха къыхэтхынщ мыбыхэм
- (Тетрадь) напэ къабзэ - мыр дэтхэнэ зы егъэджак1уэми и1эщ, лэжьыгъэ зэмыл1эужьыгъуэхэмк1э къигъэсэбэпу. Мыр напэ къабзэщ ,иджыри сыт хуэдэ?
- А-4
- хужьщ
- ф1ей мыхъуащ. -
- псынщ1эщ
- зэпэпл1имэщ
- къамыгъэсэбэпащ
Напэр ушк1умп1ын , мыр сыт хуэдэ - т1э ? Къабзэ?
- къабзэщ ,ауэ ушк1умп1ащ
- къагъэсэбэпащ
Егъэджак1уэм: Мы напэр зэрыщыта пхуэщ1ыжыну?
Едж. : Т1эк1у пхуэузэхужынущ, ауэ зэрыщыта дыдэ пхуэщ1ыжынукъым
Егъэджак1уэм: А щ1ык1эм тету куэд жып1эфынущ ,ауэ дауэ а 1эмалыр тхыгъэм етхьэл1а зэрыхъунур ? Уегупсысмэ ,дэ дджы тхыгъэ куэдым я мыхьэнэк1э концептуальнэк1э уеджэ хъунущ.
Ди нобэрей урокым эпиграф хуэтщ1а усэ сатырхэм зыхуэдгъэзэну сыхуейт: 5 сл.
Мы дунейм дыщэщ щынэхъ лъап1эр,
Я ф1энэхъ къабзэр, мазэм хуагъадэр,
Ауэ абыхэм нэхърэ нэхъ лъап1эр,
Нэхъ къабзэу сыбжыр - адыгэ напэрщ.
Адыгэ напэрщ, си лъэпкъыжь напэрщ,
Уэри уи напэ, сэри си напэ, адыгэ напэрщ.
Зэтрип1эжми тхьэшхуэм ди нап1эр,
Адыгэ напэм хэлъщ мыл1эжыныпсэр.
Егъэдж. Нобэрей ди лэжьыгъэм ехьэл1а псалъэжьхэр доскам итщ, фи жэуапхэр абыхэмк1э вгъэбелджылы хъунущ.
Сыт хуэдэ напэ мы усэ сатырхэм зи гугъу ящ1ыр?
-Едж. Мы усэ сатырхэм зи гугъу ящ1ыр напэ хужь , напэ къабзэ зи1э ц1ыхухэрщ
- Егъэджак1уэм: Пэж дыдэщ, ц1ык1ухэ
"Напэ" - псалъэшхуэщ ар, куэд къызэщ1еубыдэ: пэжагъри ф1агъри; - ц1ыхухэм игъащ1эм къагъуэта хьэл-щэн гъуэзэджэ псори;. Ц1ыхум "Напэ и1эщ абы", - хужа1эмэ, ар ц1ыху нэсщ, абы нэхъыф1 къыпхуагъэфэщэну зыри ухуейкъым Къэдвгъэщ1эжыт, ц1ык1ухэ, сыт
Страницы: << < 1 | 2 | 3 | 4 > >>