Псалъэухам и пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъухэр

Страницы: 1 | 2 | 3  >  >>

Щоджэнц1ык1у Алий хиша лъагъуэ-
ращ дэ гъуэгушхуэ тхуэхъуауэ
дызытетыр.

Лэжьыгъэр зыгъэзэщ1ар
Налшык къалэ
31 – нэ курыт еджап1эм
адыгэбзэмрэ литературэмк1э
и егъэджак1уэ Афэщ1агъуэ Светланэщ.

Уи гъащ1эр мащ1эу щытами,
Мык1уэдыжынхэр уи тхылъщ,
Ажалыр уэрк1э п1эщ1ами,
Ц1ыхубэм я гум ухэлъщ.
Щ. С.
Ди тхак1уэхэм щыщу сэ нэхъыф1у слъагъур Щоджэнц1ык1у Алийщ. Алий ц1эр щыжып1эк1э, 1эмал имы1эу, уи нэгу къыщ1охьэ а ц1ыху щэджащэр къызыхэк1а адыгэ лъэпкъ уардэр. Сэ къызэрыслъытэмк1э, насыпыф1эщ ик1и уахътыншэщ апхуэдэ ц1ыху къызыхэк1а лъэпкъыр. Къэбэрдей - Балъкъэрым щыпсэухэм я закъуэкъым нобэ а ц1эм ирипагэр. Ар я Алийщ усыгъэр ф1ыуэ зылъагъуу ди къэралышхуэм ис псоми.
Адыгэщ1ым и къуэ щыпкъэр дунейм зэрытетар илъэс пл1ыщ1 къудейщ. Арами, зэман к1эщ1ым къриубыдэу Алий адыгэхэм яхуилэжьа 1уэхутхьэбзэр лъытэгъуейщ. Адыгэбзэм и беягъыр, 1эт1элъэт1агъыр, сыт хуэдэ гурыщ1эри къызэрип1уэтэжыфынум и щыхьэт нэскъэ Алий и усэ жьгъырухэр, прозэ тхыгъэ мащ1эу ди нобэрей литературэм гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуар! Алий адыгэхэр дызэрыпагэ усак1уэщ, ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъуж, нобэми ныжэбэми дызэрыгушхуэ ц1ыхущ.
Адыгэ литературэм зымащ1эк1э нэхъ мыхъуми 1уэху хузи1а, абы щыгъуазэ, зыджа гуэри бгъуэтынкъым Щоджэнц1ык1у Алий псалъэ гуапэ, псалъэ дахэ хужызымы1э, абы и 1эзагъым пщ1э хуэзымыщ1, зи щхьэр хуэзымыгъэщхъ. Букварь зи блэгущ1эм щ1элъу еджап1эм к1уэм и деж къыщыщ1эдзауэ зи пащ1э – жьак1эр къетхъухахэм нэсыху, хэт зымыц1ыхур Щоджэнц1ык1ур! Абы и усэ жьгъырухэм, и поэмэ телъыджэхэм ямыгъэп1ейтеяр сыт хуэдэ тхылъеджэ? Сэ сызэреплъымк1э, литературэр ф1ыуэ зылъагъу дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми нобэ къыщыбгъуэтынущ Щоджэнц1ык1у Алий и тхыгъэхэр. Щоджэнц1ык1ум и тхыгъэхэм къызэщ1аубыдащ л1эщ1ыгъуэк1

Страницы: 1 | 2 | 3  >  >>
Рейтинг
Оцени!
Поделись конспектом: