эрэ адыгэ лъэпкъым къыдэгъуэгурык1уэ 1уэры1уатэм и 1эф1ып1эхэр, анэдэлъхубзэм и псалъэ дыщэхэр.
D
Ü
æ
L
Š
Œ
Ž
B
B
B
B
F
Къамботрэ Лацэрэ» романым къегъэлъагъуэ патриорхальнэ – феодальнэ щытык1эм Къэбэрдейр щитам ди ц1ыхухэм я псэук1ар, пщыхэмрэ пщыл1хэмрэ яку дэлъа зэныкъуэкъуныгъэр; «Мадинэ» поэмэр адыгэ унагъуэм, абы илъа хабзэм теухуащ; «Тембот и дыгъуасэхэм» къэбэрдей мэкъумэшыщ1эхэм Дзэлыкъуэ къыща1эта восстанэм щыгъуазэ дащ1; «Ныбжьыщ1э хахуэ», «Партизан Жамбот» поэмэхэм ди хэкум граждан зауэр зэрыщек1уэк1ар, нэгъуэщ1хэри.
Алий и тхыгъэ псоми ущ1эджык1рэ уегупсысыжмэ, ижьым къыщыщ1эдзауэ нобэм къэсыхук1э Къэбэрдейм и тхыдэм ущ1эджык1ауэ, ц1ыхубэм я псэук1ар, къызэрек1уэк1ар нэрылъагъу пщыхъуауэ къэплъытэнущ. Алий и тхыгъэхэм щыпсэур гу пщтыррэ псэ къабзэрэ зи1э ц1ыху щыпкъэхэмрэ дахэхэмрэ я закъуэкъым, ат1э абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ ди щ1ыналъэ дахэр, ди къурш лъагэхэр, ди псы уэрхэр, берычэтылъэ гъавэ щ1ап1э губгъуэхэр, удз гъэгъахэр, псоми гъащ1э езытыж дыгъэр, дахагъэу щы1э псори.
Щоджэнц1ык1у Алий и бзэр дахэщ, къулейщ. Сэ изогъэщхь ар макъамэ гуак1уэ зыщ1элъ уэрэдым. Щоджэнц1ык1ум щхьэк1э куэдрэ жа1эу зэхыбох : « усак1уэ 1эзэщ». Ауэ, сэ къызэрыслъытэмк1э, Алий дежк1э ар мащ1эщ. Ар псалъэм и художник 1эзэм къыщымынэу, гъащ1эм куууэ пхырыплъыф ц1ыху щыпкъэщ.
Щоджэнц1ык1ум и усэ куэдыр нобэ гъащ1эм дызыщы1ууэ мыхъумыщ1агъэхэм тегъэпсауэ итхам хуэдэщ. Ди адыгэ литературэм зы1эригъэхьа ехъул1эныгъэ псомк1и ф1ыщ1э ин бгъэдэлъщ Алий.
Мис апхуэдэ лэжьыгъэф1 куэд и 1эдакъэ къыщ1эк1арщ Алий нэхъыф1у сэзыгъэлъагъур. Ар дунейм зэрехыжрэ илъэс дапщэ хъуа, ит1ани и тхыгъэ гуащ1аф1эхэмк1э ар ноби къытхэтщ, дахэр игъэдахэрэ ем ебэну. Зи ц1эри зи щхьэри нэхуу щыта а ц1ыху телъыджэм и усыгъэхэри нэ
Страницы: << < 1 | 2 | 3 > >>